Хынабдзэ - страница 11



Мурид ищIэнур имыщIэу щыту, кхъэхъумэ Мырзэбэч къыбгъэдохьэ.

– Тхьэм пщимыгъэгъупщэкIэ, Мурид. Нэхунэ цIыху гуапэу, хэти хуэгупцIанэу псэуащ. Дыгъуэпшыхь Дыгъужьыкъуей си шыпхъум деж сыкIуати, автобусым сежьэурэ сыгувэри щIамылъхьэ щIыкIэ сыкърихьэлIэжыфакъым.

– Тхьэм гузэвэгъуэншэ уищI, Мырзэбэч. Арати, дунейм гуфIэгъуэу щызиIэ си анэ закъуэр щIэслъхьэжащ.

– Сыт пщIэн, Мурид, азалыхьым и унафэр нэхъыфIщ. Тхьэм и ахърэтыр нэху ищI. Иджы кIуэж, Мурид, адэкIэ къыппэплъэу къыщIэкIынщ.

– СыкIуэжынут, ауэ мо хьэр…

Мырзэбэч абыкIэ маплъэри:

– Тобэ, тобэ! Илъэс тIощIым щIигъуауэ мы кхъэм сырихъумакIуэщи апхуэдэ телъыджэ слъэгъуакъым, яIуатэури зэхэсхакъым. Тобэ, тобэ! Уи анэмрэ а хьэмрэ я кум лъагъуныгъэшхуэ дэлъауэ къыщIэкIынщ. И гугъу умыщIу кIуэж, Мурид. И бзэ мыпсалъэ щхьэкIэ иджыпсту абы и гум куэд щощIэ.

Нэхунэ къуажэр зэрыхуэщыгъуэну махуищыр иухауэ, а зэманым зэIухауэ щыта куэбжэр пщыхьэщхьэм хуащIыжыну пэтрэ, и щхьэр ехьэхарэ нэщхъейуэ, Мыщэ пщIантIэм дохьэж.

– УкъэкIуэжа, Мыщэ, – жиIэурэ абы Мурид щыбгъэдыхьэкIэ, Нэхунэ и пIэ лъапэм тесу, и жэщгъуэлъу щыта джэдур хэпщIэукIыурэ хьэм бгъэдохьэри, тIуми я щхьэр зэщахъуэ. Мыщэ нэщхъей-нэщхъейуэ джэдум къоплъ. Иджыри дэмыкIыжауэ пщIантIэм дэс Шэмсэдинрэ я пэмыжыжьэу псэу лIыжь Исмелрэ хьэмрэ джэдумрэ зэрызэхуащIым яфIэгъэщIэгъуэну йоплъ.

– Тобэ ирехъуи, – жеIэ Шэмсэдин, я бзэр мыпсалъэ пэтми, Нэхунэ зэрыщымыIэжыр къагурыIуауэ нэщхъейуэ аращ.

– Мыщэ кхъэм кIуэри, си анэм и кхъащхьэм бгъэдэсащ, – жеIэ Мурид.

– Уи фIэщу жыпIэрэ?! – къоуIэбжь Исмел. – Модэ феплъыт, тхьэм ирещIи я тIур гукIэ зопсалъэ. Псэущхьэхэр, псом хуэмыдэу хьэр губзыгъэщ.

Жэщыр хэкIуэтауэ гъуэлъыжа иужь, Мурид пщIыхьэпIэу и нэгум щIокI:

– НытIэ, КIущэ, уэрэ сэрэ ди псэукIэ хъунур сыт? – щIоупщIэ Мыщэ.

– СщIэркъым, сщIэ мыгъуэркъым.

– Сэ сэлъытауэ, уэ уи Iуэхур нэхъыфIщ, КIущэ. УмэжалIэмэ, нэгъуэщI умыгъуэтами дзыгъуэ е бзу къэбубыд хъунущ. Сэращ гупсысэ хэхуар. Хэт иджы сэ сызыгъэшхэнур? Хьэхэбасэу уэрамым сыдыхьэжыну къысхуегъэзэгъыркъым.

– Умыгузавэ, Мыщэ, иджы Мурид къуажэм къэIэпхъуэжыну къыщIэкIынщ. И анэм и лъахэр ибгынэнкъым. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэри гущIэгъу гуэр уиIэн хуейкъэ. Сыт хуэдэу щымытми илъэс Iэджэ хъуауэ мы пщIантIэмрэ Нэхунэрэ бохъумэ. Уи хьэтыркIэ мы лъахэр джэгупIэ ямыщIыжу хъума хъуащ. ПщIантIэм и закъуэ, хьэблэри къыпфIэлIыкIырт. Уэр щхьэкIэ Нэхунэ нэ лейкIэ къеплъхэрт.

– Хьэуэ, КIущэ, а уэ къыубжэкI къомыр зи фIыщIэр сэратэкъым, атIэ Нэхунэ тхьэмыщкIэрт. ЦIыхухэм фIыуэ къалъагъурт ар. И жэгъуэгъу дыдэхэми и зыгуэрым жиIэ хъуми занщIэу Iурагуэжырт.

– Пэжщ, КIущэ, а уэ жыпIэр. Ауэ Нэхунэ щымыпсэужмэ иджы дэри цIыхухэм тегушхуэгъуафIэ дыкъащIынущ. Абы шэч къытомыхьэ.

– Дауи, уэ узахуэу къыщIэкIынщ. СщIэртэкъым, сщIэ мыгъэркъым дэ къытпэплъэ псэукIэр зыхуэдэнур.

– Хэплъэгъуэщ, КIущэ, ди Iуэхур, хэплъэгъуэщ.

– Сэри фIыуэ сыкъилъагъурт, Нэхунэ,– къыщIоткIу КIущэ и нэпсыр, – пщэфIа нэужь, сэ япэ сигъашхэрти, итIанэт езыр Iэнэм щетIысылIэр.

– НэгъуэщI мыхъуми Жансурэт гущIэгъу гуэр хэлъу щытамэ аратэкъэ. Сигъэшхэн дэнэ къыщына – сыкъызэрилъагъуу сыт япэ къыIэрыхьэми къызеутIыпщ.

– Ар къызэрыкIуэжу си тхыцIэмкIэ сыкъеIэтри вырвырв жиIэу унэм сыкъыщIеутIыпщыкI. Нэхъапэм Нэхунэ къысщхьэщыжырт, иджы…

– Нэхунэ цIыху дыщэт, КIущэ. Абы и гъусэу дылIэу дыщIалъхьэжамэ куэдкIэ нэхъыфIт мыпхуэдэу зеиншэу дыкъэна нэхърэ. ИкъукIэ гупсысэгъуэшхуэщ ди Iуэхур.