Хынабдзэ - страница 9
– Абы щыгъуэ, си щIалэ цIыкIу, къэралыр къулейсызт, колхозри хуэщIатэкъым. ПолуторкэкIэ зэджэ хьэлъэзешэ машинэм фIэкIа щыIэтэкъым. Ари закъуэтIакъуэт, щыплъагъури къалэрат. Колхозым и Iуэхур нэхъыкIэжт. Вырэ шырэт яIэр. Ахэри зэпэубыдат. Шы нэхъыфIыIуэхэр къэралым яIихри зауэлIхэр ягъэшэсыну, шэгын къырырашэкIыну яшат. Ерыскъыр зэпэубыдат. Жэщ-махуэм зэ фIэкIа сыщымышхэр нэхъыбэт. Нартыху дэч дыкIуамэ, зы кIэчан нэхъ мыхъуми къатщтэу унэм къыздэтхьыну дыхуиттэкъым. Пщыхьэщхьэ хъууэ дыкъыщыкIуэжкIэ хьэсэпэхъумэр я пашэу гъуэгум къыщытпэувырти дыкъащырт: ди матэхэм, пэгунхэм къиплъэрт, ди жыпхэм къиIэбэрт, ди лъакъуэм къыщыщIэдзауэ ди щхьэм къэс дыкъаIэбэрэбыхьырт. Зы нартыху Iэбжьыб нэхъ мыхъуми къыпкъуахамэ, шыпэм урагъэувэрти штабым е колхоз правленэм уахурт, пхуэмыфащэ къуапэсырт. Суд Iуэху ящIу тутнакъэщым урагъэтIысхьэныр зыми щыщтэкъым. НэхъыкIэжырати трудодень ятх мыхъумэ, гъэ псом дызэрылэжьам къыпэкIуэу зы сом е зы гъавэ чилэ къыдатыртэкъым.
– Хэтыт ар зымыдэр, Нанэ? Сытыт гъавэ къыщIывамытыр?
– Сэ сщIэ мыгъуэрэ, къэралыр къулейсызщ, зауэлIхэр, рабочэхэр гъэшхэн хуейщ жаIэрт. КъэщIэгъуейт дэтхэнэр къуаншэми, захуэми.
– АтIэ ар сыту цIыхухэм ядэрэт? Иджы цIыхухэр шхыдэу телевизоркIэ къагъэлъагъуэри, зыхуей хуамыщIэмэ, лэжьэн ядэркъым.
– Ар иджы. Абы щыгъуэ къэралыр, абы и унафэщIхэр быубу, псалъэ Iей яхужыпIэу зэхахмэ уапхъуатэрти тутнакъэщым урагъэтIысхьэрт. Апхуэдэурэ лажьэ лъэпкъ ямыIэу сытым хуэдиз лIыфI куэд ягъэкIуэда.
Нэхъыбэр бзэгузехьэхэм я зэранкIэ. Жыхьэнэр я унапIэщ абыхэм.
– Хэтыт бзэгу зыхьыр, Нанэ?
– ЩыIащ абы щыгъуэ апхуэдэ Iужажэхэр.
– Сыт Iужажэм къикIыр?
– Куэд пщIэну ухуейщ си нэ къуэлэн цIыкIум. Iужажэри? Ар уэ зы къыбжиIэу, адрейм нэгъуэщI жриIэу, и фэкIэ дэтхэнэм зыдригъэкIуну хэту, игукIэ зэгупсысыр нэгъуэщIу. «Iужажэр си ажалщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.Iужажэм зэи уи дзыхь ебгъэз хъунукъым. Фэри… – Нэхунэ хощэIукI. – Азалыхь, сызэрыхъур сымыщIэ, си гур къокIуэ», – жеIэ. ИтIанэ Нэхунэ и щхьэр къыфIэщIэ хуэдэу мэхъу. Мурат къеплъурэ, зыгуэр жиIэну хуожьэ, арщхьэкIэ и Iупэр пIэжьажьэ мыхъумэ зыри къыжьэдэкIыркъым.
– Мамэ! Папэ! Нанэ зыгуэр къыщыщIа си гугъэщ! – КIийуэ щIож унэм Мурат. Ягъэкъабзэу пщIантIэм дэт Жансурэтрэ Муридрэ унэм щIолъадэ. Нэхунэ, и гущIыIур зэрыдэгъэзеям хуэдэу, и нэр зэтепIауэ щылъщ.
– – Мамэ, сыт къыщыщIар? – и Iэ ижьыр Нэхунэ и натIэм трелъхьэ. И нэр мащIэу къызэтрехри, зыри жимыIэу, зытрепIэж.
– Сигу ирихьъыркъым мыбы и щытыкIэр, – жеIэ Мурид, – кIуэи псынщIэу Шэмсэдин къеджэ.
Жансурэт щIокIри, япэмыжыжьэу псэу Мурид и адэкъуэш Шэмсэдин къреджэ. Зыри жамыIэу щыри Нэхунэ щхьэщытщ. Муратрэ Маринэрэ гъуэлъыпIэ натIэр яIыгъыу зэм Шэмсэдин, зэми Мурид йоплъхэр, сыт къажьэдэкIыну пIэрэ жыхуаIэу. Шэмсэдин мэIэбэри, шхыIэн гущIыIум теукъэдия Нэхунэ и Iэр еубыд, и натIэм тоIэбэ.
– Нэхунэ, къаплъэт, сэращ ар, Шэмсэдинщ.
Нэхунэ и нэр къызэтрихыну зэрыхуейр къапщIэу, и напIэр мащIэу мэхъей, арщхьэкIэ абы къыфIэкIыу и псэр зэрыхэмыкIар кърипщIэну и Iэпкълъэпкъым щыщ зыгуэри игъэхъейкъым.
– Къаплъэт, тIэкIу къаплъэт, мамэ, – жиIэурэ и анэм и напэм Мурид толъэщIыхь. – Псы тIэкIу уефэн?
Нэхунэ и Iупэр зытрикъузэ хуэдэу ещIри мащIэу хощэIукI.
– ПсынщIэу кIуэи псы тIэкIу къэхьыт, – Жансурэт дежкIэ Мурид къоплъэкI.
Псы стэчанрэ бжамышхрэ къыбгъэдехьэ. Мурид ар къыIехри, лошкIэмкIэ псыр Нэхунэ и Iупэм ирехьэлIэ: «Мэт, мамэ, псы тIэкIу» – и Iупэ лъабжьэр мащIэу къыIуешри, ткIуэпс зытIущ IурегъаткIуэ, арщхьэкIэ и дзэ зэтекъузам адэкIэ имыгъакIуэу къыIурожыж.