Хынабдзэ - страница 8
–УмыпIэщIэж, зикI гъащIэ куэд къыхуэнэжакъым бжэгъуу уи нэм къыщIэуэ, уи псэм темыхуэ,узытеплъэ мыхъу а си анэм,-жеIэ Мурид,ерагъмыгъуейкIэ кIэлындорым къехауэ, башыр зыщIигъакъуэурэ къапежьа Нэхунэ дежкIи плъэуэрэ.
Муратрэ Маринэрэ зэгъусэу щIопхъуэри Нэхунэ IэплIэ хуащI.
– Нанэ,ухужа?– йоупщI Маринэ.
– Сыхъужащ,си псэр зышхын.
– НытIэ иджы башыр щхьэ пIыгъ?
– Башри? Абы, си псэ закъуэ, зэзэмызэ зытызогъащIэ. Иджыри си гур къыщекIуэ щыIэщ.
– Мамэ, зыкъегъазэ Мурат и анэм и дежкIэ,-мы нанэ и гур къекIуэу жеIэ. Хъущхъуэ къыхуэпхьа?
Жансурэт и нэщхъыр нэхъри зэхегуэри папщэ мыхъумэ, зы псалъи къыжьэдэкIыркъым. ПщIэууэ къажьыхэлъэда джэдур лъапэкIэ хыфIехуэри унэмкIэ кIуэуэ йожьэ. Iэ ижымкIэ иIыгъ сумкIэри, зы тон и хьэлъагъым хуэдэу, IэщIолэл. ХамэлIым хуашэ фIэкIа пщIэнкъым. Псэм фIэмыфIыр нэми фIэдахэкъым. Апхуэдэщ Жансурэт и Iуэхури.
Псори зэгъусэу унэм щIохьэж. Нэхунэ и къуэрылъху цIыкIухэм ящыгуфIыкIыурэ, и п1эщхьагъым къыщIех Муратрэ Маринэрэ яхуищIа цы лъэпэд хуабэхэр.
– Мэт,си псэм хуэдэхэ, лъыфтIагъи фхуэхъумэ феплъыт. ЩIымахуэм хуабэу фщыгъынщ. Мыхэр фэ цIыкIуитIым щхьэкIэ…
Мыдэ къащти сегъэплъыт, Нэхунэ жиIэнур имыухыу, Мурат цIыкIу зэ пиплъыхьу иIыгъ лъэпэдыр Жансурэт къыIэщIеч. – СыхулIэ апхуэдэ лъэпэд тыкъырбжьэкъыр хъужауэ… Азалыхь лъапцIэу къакIухьамэ я лъапэ пезмыгъэлъхьэн. ЯIэщ абыхэм лъэпэд хуабэ си анэ лъэпсейуэ талкучкэм къыщищэхуауэ. Мэ ещэ зыгуэрым, – жеIэри лъэпэд лъытIэгъэгъуитIыр Нэхунэ и пIэм иредзэж.
– Сыт ахэр апхуэдэу щIыхыфIэбдзэр?! Сэ ар слъыгъыу щIымахуэм лъэрыжэкIэ къэзжыхьынущ, – жеIэ Мурат. – Лъэпэдыф1щ икIи хуабэщ. Пэжкъэ, Нанэ?
– Пэж дыдэщ, си псэм хуэдэ, махуэ псом щIыбым удэтми, уи лъакъуэр пIыщIэнукъым.
– Сысейри фIыщ, аракъэ, Нанэ? – И нэ къуэлэн цIыкIуитIыр игъэупIэрапIэу Маринэ Нэхунэ худоплъей.
– ФIы дыдэщ, си псэр зышхын, – Маринэ и щхьэм Iэ делъэ Нэхунэ. ЦыпхкIэ цыр схуэпхыжыртэкъым, IэкIэ сыпщIурэ зджати Iуданэр гъумыIуэ хъуащ. Аращ фи анэм тыкъырбжьэкъыру къыщIыфIэщIыр. Ауэ фи лъакъуэ цIыкIухэр игъэхуэбэнущ.
– Сэри Iувщ сызыхуейр, Нанэ. ЩIымахуэм Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си лъакъуэр пIыщIэнукъым.
– Сэри Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си ботэм щIэлъу щызгъагъынущ тхьэ, – жеIэ Маринэ цIыкIуи.
– Лъывгъагъ, си дуней нэхухэ, фи лъакъуэхэр хуабэмэ фи 1эпкълъэпкъри пIыщIэнукъым. Сэ иджы сызыгъэсымаджэ узыр си лъакъуэмкIэ къысхыхьа щIыIэм къыхэкIащ.
– Мыпхуэдэ лъэпэд хуабэ щхьэ лъумыт1эгъарэт, Нанэ? Иджыри щIыи лъытагъи щIыIэр хэкIыжынщи ухъужынщ.
– Плъагъуркъэ а си псэр зышхын цIыкIур зэрыгубзыгъэр. Абы хэкIыж иIэкъым, тIэсэ. ЗыкIи къыпхуимыхужыну итIысхьащ а уз хъерсызыр си Iэпкълъэпкъым.
Абы щыгъуэ, си дуней нэху, икъукIэ зэман хьэлъэу икIи гугъуу щытащ. Хэку зауэшхуэр къэхъеяуэ екIуэкIырти фи адэшхуэри абы щыIэт. Сэ си закъуэт. Гъэмахуэм гу цIыкIукIэ сэхуран жэпкъ, жущэн, къэрэкъурэ гъэсыныпхъэу къасшэрт, щIымахуэм IэжьэкIэ пхъэ гъэсын мэзым къисшырт. Си жэм закъуэри щIымахуэм зэрызгъашхэр лъэгуажьэм къэсу уэсым сыхэту гъубжэкIэ къэсхыурэ губгъуэм къисш нартыху бзйирт. Си вакъэри лъэпэдри лъакъуэм фIэщтыхьауэ унэ щIыIэм сыщIыхьэжырт. Мис абы къыхэсха щIыIэ узщ си куэ къупщхьэм итIысхьауэ хуиту сыбэкъуэну Iэмал сымыгъуэту сыкъэзыгъэнар.
Мурат цIыкIурэ Маринэрэ я жьэр Iурыхуауэ я нэр ямыгъэупIэрапIэу цы лъэпэдри яIэщIэкъузауэ яIыгъыу, Нэхунэ жиIэм йодаIуэ.
– МашинэкIэ е гукIэ щхьэ ахэр къыпхуамышэрэт, Нанэ?