Хынабдзэ - страница 2



– КIэнишнэ ухэлъын уэ пIэм. Гугъу зебгъэхьыну ухуейкъыми аращ. Азалыхь, сэри сыхэмылътэмэ сыкъэмыхъейуэ. АпхуэдизкIэ гу гъэтIылъа уиIэщ ахъумэ, Iэ упыту мыпхуэдэ унэ ущIэсынтэкъым. ДэнэкIи сабэр къощэщэх. АпхуэдизкIэ фIейщ уи тепIэнщIэлъынри, ухэлъын дэнэ къэна, утетIысхьэну гур хуэкIуэркъым.

– СхулъэкIыжыркъым, сысымаджэщ, Жансурэт.

– Уэ уи ныбжь сынэса иужь, уэ пхуэдэу сысымаджэну фIэкIа сыхуейкъым. Азалыхь, сысымаджэщ жыпIэурэ щIыкъатиблкIэ ежэхын мы пщIантIэжьым удэсурэ уэ сэ сумыгъалIэмэ. Уигу иримыхьын гуэр къызэрыбжаIэу «Iыхь мыгъуэ» – жыпIэу пIэм ухогъуэлъхьэжри тхьэмахуэ енкIэ ухэлъщ. АфIэкIа усхузехьэжынукъым, къыбгурыIуэрэ уэ ар, усхузехьэжынукъым!

– Тхьэмахуэм зэ укъокIуэжри, ар къохьэлъэкIмэ, зэи мы пщIантIэм укъыдэмыхьэжу къалэм дэс. Сэри Алыхьым жыхуиIам сыхуэзэнщ.

– Уэ а Алыхь жыхуэпIэм укъызэриужэгъурэ куэд зэрыщIар къыбгурымыIуауэ ара иджыри, фызыжь.

– Ан-на гущэ, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын апхуэдэ псалъэхэр щхьэ бутIыпщрэ? Сэ иджыри псэ сIуту дунейм сытетщ. Азалыхьу тэгъэлам сэ къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ. Къыщысам и деж сэ абы зы дакъикъи лейуэ мы дунейм сытригъэтынукъым. Абы и унафэм дэ зыри дыщIэкIыфынукъым.

– Дауи, уи дежкIэ нэхъыфIщ лэжьапIэм сыщымыкIуэ махуэ закъуэм си унагъуэр зэздзэкIыу уи деж сыкъэкIуэжу тхьэмахуэ енкIэ зэхэптхъуа къомыр зэхэсхыжыныр. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр – И хъущIэныр зэпимыгъэууэ, Нэхунэ зыщIэс пэшыр зэлъыIуихыу щIедзэ.

«Мяу-у-у!» -дамэдазэ хъуа бжэм и щхьэр къыдигъэжауэ КIущэ мэпщIэу.

– Мяу мыгъуэр уэзгъэщIынщ, – жиIэурэ Жансурэт япэ и нэр зытехуа бэлагъыр къепхъуатэри джэдум иреутIыпщ. «Баргъэщ» жиIэу ар бжэм щытехуэкIэ тIэкIу щхьэукъуа Нэхунэ къызэщоури, бжэмкIэ плъэуэрэ жеIэ:

– Хэт ар? Къыщ1ыхьэ.

– Хэт уи гугъэрэ уи деж къэкIуэнур! Уэ зыгуэр къыпхуеиж уи гугъэм укъопцIэ. ЩIыкъатиблкIэ щIыхьэн джэдуращ уэ къыпхуейуэ мы дунеижьым тетыр. Уи пIэ лъапэм темыкIыу ебгъэсащи унэм щIэкIынукъым. Хьэ, джэду жыпIэмэ, уи нэхур щащ. ИкIэщIыпIэкIэ уакIэлъыкIуэж абыхэм узыхуейр арамэ.

Хьэми бжэм къепIэстхъыу щIедзэ, зэзэмызи хопщIэукI.

– Уэри сыт узыхуейр, щIым щIыхьэн! – мэкIий Жансурэт. И Iухи и еуи зыуэ бжэм и пхъэрыгъажэр хьэм иреутIыпщ. И лъакъуэм трегъахуэри пщIэууэ хадэм йолъадэ.

– Ан-на гущэ, сэри сэщ, а зи бзэ мыпсалъэхэм щхьэ апхуэдизу уахуэгын. Ахэр сэ щхьэкIэ гузавэу аращ. Сызэрысымаджэр ящIэри, къызбгъэдэсыну хуейхэщ. МэжэлIауи къыщIэкIынущ. КхъыIэ, Жансурэт, къомыхьэлъэкIынумэ, тIэкIу гъашхэ ахэр. Тхьэмахуэ кIуам къэпхьа курпIэ тIэкIур мо шкафым дэлъщи хъудырыпс яхуэгъави ет, псапэ хъунщ.

– Азалыхь, къысхуэбгъуэтам псапэ къызэрысхьын. Ахэр сымыгъэшхауэ уэ усхуэгъэшхащэрэт. Аращ езыр мывэ зэпыхыну къысщыхъур. Азалыхь, псапэ хъухэну щытмэ, ирикъуным уэ сэ пхуэсщIэр. Си щхьэ, си бын, силI жызмыIэу псори зызодзэкIри тхьэмахуэ къэс уи деж сыкъокIуэж. Псапэ къэхьыпIэу уи гугъэкъэ ар. Псапэ, псапэ. Уэст щыIэкъым сэ абы щхьэкIэ. Азалыхь, псапэкIэ псори зэфIэкIыу щытамэ, фIы гуэр цIыхум къеуалIэтэмэ, сызыхуей псори къызэгъэтIылъэкIауэ сыщыстэмэ сэ иджы.

– АтIэ псори апхуэдэу къыщохьэлъэкIкIэ зыми ухэмыту зыгъэпсэху, – жеIэ Нэхунэ къыхудэшей къудейуэ.

– Зыгъэпсэху, зыгъэпсэху! СиIэ сэ сытми апхуэдэ насып. Зэпыту укIуэ псори, къыщиудауэ магъ Жансурэт. – УхэлIыхьауэ щытмэ, дяпэкIэ лъэмбытI къэсчынкъым мы къуажэжьым. «Къуажэ, си адэжь и щIапIэ», – аращ а уи къуэ гъэфIами и бзэгум пымыкIыр. Абы хуэзгъэувынущ мыпхуэдэу: е уи анэмрэ уи къуажэмрэ, е сэрэ уи бынитIымрэ – хэди узыхуейр къыхэх, афIэкIа схуэшэчыжынукъым къалэмрэ къуажэмрэ я кум итыныр.