Хынабдзэ - страница 5
– Ей, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ къыбжьэдокI уэ нобэ, ауэ си ныбжь унэсрэ нысэ уиIэ хъумэ уигу сыкъэгъэкIыж. Мис абы щыгъуэ псори къыбгурыIуэжынщи…
– Си ныбжь унэсмэ жыпIа? Сэ абы сызэрынэмысынур уэ, езым, фIы дыдэу уощIэ. Уи къуэ псэукIэмыщIэмрэ уэ нэуэжьымрэ фшхащ си нервыр. Къэнэжа тIэкIури уэ укъыстрилъхьауэ зыхыбофыщIэ. Фызыхуейр сыт зо?! ТIэкIу щхьэ фыскIэрымыкIрэ! – Имакъым къызэрихькIэ мэкIий Жансурэт, итхьэщIу иIыгъ тепщэчыр еIэтри «баргъэщ» – жиIэу унэ лъэгум иредзэ. ЗыщIотIысыкIри и нэпсхэр топым хуэдэу къещэщэхыу, магъ.
– Сыту сынасыпыншэт сэ. Сыт мыгъуэр уэсщIат, азалыхь, мыпхуэдиз бэлыхьыр къыстеплъхьэну.
Нэхунэ и лъакъуитIыр пIэм къыщIимыхыу, бумазей бостейр къехьэлъэкIыпэурэ и плIэм ирелъхьэри, шхыIэныр тригъэкIуэтым и бостеукIэри иригъэкIуэтэхыурэ щетIагъэри пIэм къоувэх. Жансурэт, и гъыныр зэпигъэуауэ, и нэпсхэр зэпилъэщIыхьыжурэ, Нэхунэ ищ1энум йоплъ. «Сунэхъужакъэ иджы мы фызыжьым зыгуэр зырищIэжмэ» -игукIэ жеIэ Жансурэт. БжэмкIэ кIуэ хъумэ щIымыгъэкIыну зигъэхьэзырауэ, Нэхунэ жреIэ:
– Мыр сыт мамэ, щхьэ укъэтэджа? Нобэ щIыIэбжьщи, ущIэмыкIмэ нэхъыфIщ, гъуэлъыжи хэлъ. УзыхуейIамэ сэ къыпхуэсхьынщ.
Уи къуэм хущхъуэ къыздихьыну жиIащи, къэсыжмэ уефэнщи, нэхъыфI ухъумэ, итIанэ укъэтэджынщ.
Абы Нэхунэ ней-нейуэ еплъа мыхъумэ, къыжриIам зыри пидзыжакъым. ГъуэлъыпIэм кIэрыт башыр къиштауэ зыщIигъакъуэурэ бжэмкIэ макIуэ.
– Мамэ, ущIэмыкI жысIакъэ! Нобэ щIыIэбжьщ икIи къопсэпсауэ, пхуэшэчынкъым. Уи къуэр ныжэбэ ещанэ сменэу лэжьащи мыгувэу къэсыжыну къыщIэкIынщ.
Нэхунэ къыгуроIуэ и нысэм жиIэ псори гум къыбгъэдэмыкI Iупэпсалъэу зэрыщытыр. Ауэ абы щхьэкIэ жиIэIамэ арыншами иужэгъуа псалъэмакъ гуэрыр къэхъеинурэ и жьэ къихь къимыгъанэу къытритхъуэнущи зешыIэ.
Башыр зыщIигъакъуэурэ Нэхунэ унэм щIэкIауэ кIэлындорым тет къубгъаныр къещтэ. Гужьеяуэ абы кIэлъыплъ Жансурэт ар щилъагъукIэ «ЗэпытрыкIуэр къыпхукIуи, къубгъан ирихьэжьэну аращ» – жеIэри къэпIейтея и гур мамыр мэхъуж. Тридзэу цIыкIу-цIыкIуу щэща тепщэчышхуэм и къутахуэхэр къыздищыпыжым и щхьэ хуопсэлъэж: «ЗызыфIэплъэжми си щхьэц налъэ хэхуауэ къысщыхъункъым тхьэ, уи къуэжь цIыкIум къысхуигъэгъунукъым ахъумэ. Зы лъэмыкIми адакъэм хуэдэу зыкъуидзынурэ лъыр къожэхыу узэхифыщIэнущ. Мы щIыфIыцIэжьым щIэлъэдэн и анэжьым щхьэкIэ сапсауэ уиукIынкIэ зэфIэнэнукъым. «Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жыхуаIэм хуэдэщ. Сэри а адакъэ лъэджажэм жагъуэу сыкъилъагъуркъым ахъумэ, и анэм и фэм исхым щхьэкIэ си пхэм къыщIэуэу сызэрырихужрэ куэд щIат. Махуэм дапхуэдизу гынбжьыну къысхущымытами, жэщым пIэм дызэрыщызэрыгъуэтыжу хузимыIэ лъагъуныгъэм сыкъеуэу щIызодзэри, IэплIэшхуэ изошэкI, си нэхэр щIезгъэлъафэурэ банэм хуэдэу къысщыхъу и бгъэгуцым си щхьэр хызолъхьэжри и бгъэр къызыпхиудыным хуэдэу и гур къеуэу къызогъанэ. Абы и закъуэкъым ар къызэрызгъэIурыщIэр… Си насыпщи а си гуащэ удыжьым еспэс псори и къуэм жыриIэжыркъым ахъумэ зэпытрэ зэкIэсу укIуэ жыхуаIэм хуэдэу, къысхуиIэ лъагъуныгъэ тIэкIуми елъэпэуэнти сыригъэкIыжынт. Ауэ хэти иремыгугъэ сыкъикIуэтыну. КъэIэбэу си псэр хатхъыху сызыхуейр сщIэнущ, сызэрыхуейм хуэдэуи сыщытынущ.
Фи ней къысщыхуэ тIуми.
– Месыр къопщыжыр, – жеIэ псыунэм къыщIэкIыжауэ къежэлIа хьэм едэхащIэу щыт Нэхунэ щилъагъукIэ. – А удыжьыфэри ар! Сэ нэхърэ и хьэр нэхъыфIу елъагъу.
Бжэр Iуехри, Жансурэт кIэлындорым тохьэ.
– Догуэ, а кIуэцIырыхун хьэм уедэхащIэу куэдрэ щIыбым удэтыну. Арыншами сысымаджэщ жори махуэ псом ущылъщ, уи щхьэм и жэрдэм пхуэмыщIыжу. ПIэм ухэгъуэлъхьэжыпэмэ хэт уи гугъэрэ узезыхьэнур? Сэ укъысщымыгугъ, азалыхь, сытри абы щIэпщIыхьу укъанэми субгъэдэмысыну. Схуэмыхь абрэмывэу къыстехьэлъэр щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ я нэхъыбэр мы къуажэжьу кIуэцIрыхуным зэрыщызгъакIуэрщ…