Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - страница 12
Дысэ зэрыжиӏам хуэдэ дыдэу, жэм зэщӏэсыр мэз лъапэм къыщагъуэтыжащ. Шкӏащӏэр къабзабзэт, гъущэт, и ныбэ изт. Нэрылъагъут ар анэм зэрызэщӏибзеяр, шэи зэрыхуэмыныкъуар. Анэри, щыпсэфым иӏа хьэлъагъыр хэмылъыжу, пкъыфӏэрэ псынщӏафэу, и нэ псыфхэмкӏэ къахуеплъэкӏт къыкӏэлъыкӏуахэм, и быдзхэр зэкӏэщӏэпӏиерэ и шхуэлыр шэм къызэгуитхъынущ жыуигъэӏэу, пэгун хуэдизу зэӏышауэ. Псом нэхъ гъэщӏэгъуэнырати, жэмымрэ шкӏэмрэ я пащхьэм и джабэр иуэжауэ дыгъужь исщ и дзэр зэрегъэшхри, ауэ къэтэджынуи ӏэщхэм ябгъэдыхьэнуи хузэфӏэкӏыркъым. Цӏыхухэр къыщыӏухьэм, ерагъыу зыкъиӏэтри и щхьэр ӏуихыжащ. Мис апхуэдэщ Дысэ и ӏэзэкӏэр. Иджы къуажэм щагъэхъыбар дыгъужьыр хьэпэщыпхэ зэрищӏар. Нэхъыбэр есэжащ Дысэ хуэдэхэм я «ӏэщӏагъэм» – антыхэхэми адрей лъэпкъхэми игъащӏэм къадокӏуэкӏ ар.
Коммунист къулыкъущӏэхэм ӏэзэгъуазэти, ӏэгуиплъэти, джэшыдзти жыхуаӏэхэр лъэхъэнэ кӏыфӏ къызэранэкӏам къыхэнэжауэ щытын хуейуэщ къызэралъытэри, Дысэ и ӏэщӏагъэр ирагъэгъэтӏылъынут, ауэ я фызхэм къыхуагъэдахэркъым. Къэгузавэмэ, дэнэ здэжэнур, хэт зыбгъэдыхьэнур? Коммунистхэми абы я партми яхузэфӏэмыкӏын хузэфӏокӏ фыз ӏэзэм… Дысэ дыгъужьми, шыми, бзуми ӏэзэгъуэ яхуиӏэщ. «Псэущхьэхэм хуэдэу сиӏарэт цӏыхур, цӏыхум мыцӏыху яхэтщи, нэхъ гугъущ. Цӏыхуипщӏым я епщӏанэр цӏыхукъым – нэщӏщ е кӏыфӏщ. Нэщӏым зыгъэпсэун гуащӏэ, кӏыфӏым зыщӏишэн нэху хъуреягъым щыӏэм я деж къыщалъыхъуэ, зэи загъэнщӏыркъым, ирикъуыркъым, яхуэчэмыр къалъыхъуэ зэпытщ.
Майе сыту къызэригъэщӏар? Нэхум, хъуаскуэм, бзийм зыхуеший, ауэ езыр къэцӏыхугъуейщ. Сабий хьэлкъым хэлъыр, и щхьэм илъымрэ и псэм къыщыушымрэ бзыщӏащ, щӏэхъумащи, Дысэ къыхуэлъагъуркъым.
…Гъатхэпэ мазэм и кӏуэцӏкӏэ Сэбэр ӏуащхьэм пэгъунэгъу къуажэхэм, пшапэзэхэуэгъуэ щыхъум, я щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэри, нэху щыуэ дыгъэр къыщӏэкӏыху ӏуахыркъым, я унагъуэм щыщи дунейм къытрагъэхьэркъым. А мазэм зы махуэ хэтщ удхэм я зэхуэсыгъуэу, ауэ ар дэтхэнэ махуэрами сыткӏэ пщӏэн, аращи мазэ псом захъумэж зэрыжылэу. Удхэми а зэхуэсым хуэмеижхэри яхэтщ, ауэ «ухуей-ухуэмейуэ» абы я ӏуэхур щытыжкъым. Мыхэр щӏым епха удмэ, я унафэщӏхэр уафэм епхащ, я унафэр ткӏийщ. Сыткӏи жыӏэдаӏуэ удхэм гулъытэ лей ягъуэт, дэӏэпыкъуэгъухэр кърат, пщӏэ зиӏэ удхэр зэрагъэщӏэращӏэ хьэпшып цӏугъэнэхэм щыщ къыхуагъэфащэ, зэхуэсхэм ирикӏуэну. Апхуэдэ къалэжьын папщӏэ, куэдыр къыдахьэхрэ я псэр шейтӏаным ӏэщӏрагъалъхьэу, къыхуагъэлъагъуэ цӏыхум узыфэ ӏей пкърагъэхьэу е фадафэ ящӏу «лэжьэн» хуейщ. Къызэрыгуэкӏ удмэ, фӏыцӏэрэ цӏууэ залауэ жыхапхъэм тесу йожьэ, я унафэщӏхэм я нэфӏ къыщыхуамэ, ажэ къыхуагъакӏуэри, мэшэс. Цӏыхухэм тхьэ щаӏуэж, удхэм сабийуэ къаӏэрыхьэр ядыгъуу, Сэбэр ӏуащхьэкум щагъэув ӏэнэм гъэжьауэ тралъхьэу. Ящыщи джэду защӏауэ къотӏысри унэм къыщӏокӏуасэ, къаӏэрыхьэм йопӏэстхъ, йопӏэскӏу, я лыр уфӏыцӏауэ, зэхэфыщӏауэ къагъанэри щӏокӏуэсыкӏыж, аращи, хуэсакъын хуейщ. Дэтхэнэ къуажэми сабийуэ дэсым зыри хэщӏыркъым, удхэр зэрылъатэри зыми илъагъуркъым, ауэ ӏуащхьэм пэжыжьэ жылэхэри щощтэ а нэрымылъагъу къэхъум.
«А си Улэ дахэ, Сэбэр ӏуащхьэм сыту ӏейуэ укӏуат, сынолъэӏути зыпхъумэжыну. Быным и ӏуэхур сыту гуащӏэ, уи щхьэм уемыгупсысыжу уи хъыджэбз цӏыкӏум дежкӏэ зыбдзат. Тыншу упсэуну арат сызыхуеяр, сызэрыпхуэхъуапсэр. Пэшэгъухэм уи пӏэкӏи си щхьэр япэщӏэслъхьауэ тӏум ди хьэлъэри сэ сагъэпшын, си тхыр гъэшауэ, си щӏыфэр удыным игъэуфӏыцӏауэ, фейцейуэ си гъащӏэр сагъэхь. А псор щӏэсшэчыр уэ уи щхьэрэ уи псэрэ ухуиту слъагъун щхьэкӏэти, иджы, мис, уахыхьащ. Сэ иджыри къару гуэр схэлъыху, сыбдэӏэпыкъунущ, ауэ итӏанэ-щэ?..»