Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - страница 16
«Мыр хъунукъым, си къуэш, ауэрэ узыншагъэ жыхуаӏэ уимыӏэжу укъэнэнущ. Сэри сыщӏэтащ а шахтэм, сощӏэ зищӏысыр. Еджапӏэ узгъэкӏуэнущ, инженеру еджи, къэбгъэзэжынщи шахтэм уемыхыу, дуней хуитым утету улэжьэнщ», – Пагуэ и къуэшым зыщӏигъэкъуэну хуейщ, ауэ модрейм къыжраӏэр зэхимых хуэдэщ. Илъэс щэщӏым хэт еджакӏуэ кӏуэр? Анэр и бынитӏым къахоплъэ, и къуэрылъхум хуоплъэкӏыжри хощэтыкӏ.
«Пэжкъэ сэ жысӏэр, дянэ? Мыр еджэн хуейщ! Куэдрэ хурикъун и гугъэ а зыпэщӏэт лэжьыгъэ хьэлъэм?» – Пагуэ жиӏэр къыдаӏыгъыну хуейщ, ауэ нанэ щымщ.
Ӏэдэм и еджэныр хэтӏэсащ, зэманыр ӏэщӏэкӏащ, ар зыхещӏэри, и къуэш нэхъыжьым пэмыуву зэрыфӏэкӏын жэуап къелъыхъуэ:
– Сэ уэ жыпӏэр къызгуроӏуэ, седжэну сыхуэмейуи аракъым, ауэ уи ахъшэкӏэ седжэнукъым. Къэзлэжьыр зэхуэсхьэсынщи, мис итӏанэ…
– Илъэситӏ мэхъу мыбы узэрыщыӏэрэ, зыгуэр бгъэтӏылъа?
Ӏэдэм погуфӏыкӏ:
– Уэ сэракъым укъыщӏэкӏуар, ди анэр пшэжынуращи, ныпхуэкӏуэжмэ, шэж. Ар зэрыщыӏэр сэркӏэ зы фӏыгъуэ ирокъу, ауэ пэш нэщӏым щӏозэшыхьри, согузавэ. Сэ махуэ псом солажьэ, пщыхьэщхьэм щӏалэхэм садыщысын хуей мэхъу, апщӏондэху и закъуэщ.
– Сызэшкъым сэ, цы зэрызохъэ, тӏэкӏу сожьыщӏэ, сопщӏафӏэ, ауэрэ махуэр макӏуэ.
Пагуэ и анэр имыгъусэу кӏуэжынукъым, ауэ игу дахэ зэрищӏын псалъэ къыхуэгъуэткъым. Зигъэгусэу къыдэкӏа анэм ебгъэгъэзэныр ӏуэхущ. Пагуи дахэ жызыӏэфхэм ящыщкъыми, нэхъри гугъу йохь. Сытми, игу илъыр жеӏэ, а жиӏэри и фӏэщщ:
– Сэ уи жагъуэ сщӏамэ, къысхуэгъэгъу. Уи нысэм иджыри зыгуэр къыбжиӏэмэ, езыращ унэм щӏэкӏынур. Псалъэшхуи зэӏэпамыхыу пщыхьэщхьэшхэ ящӏри мэгъуэлъыж. Гъуэлъыпӏэ закъуэм нанэрэ Майерэ хэлъщ, зэкӏуэцӏыпх-зэкӏуэцӏыплъхьэ хъу гъуэлъыпӏэ псынщӏагъуэр Пагуэ къылъысащ, езы Ӏэдэм и ныбжьэгъум деж нэху къыщекӏынущ. Майе и нанэм ӏэплӏэ ирешэкӏ, зэхуэзэша анэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ зызэщагъэнщӏыжыркъым. Нанэ хъыджэбз цӏыкӏум и щхьэпхэтӏыгум ба хуищӏащ – асыхьэту абдеж дыдэм гъэгъа хужь къыщызэрыкӏащ.
Пагуэ и бзэху гъуэлъыпӏэм изагъэркъыми, зегъэджэрэз, игъэкӏыргъыу, игъэтхьэусыхэу. Жейм емызэгъыр нэхумыщу къэтэджщ, ӏэуэлъауэ имыщӏыну хуэсакъыурэ зихуапэри, щӏэкӏащ.
– Напэ мытхьэщӏу цӏыхум уахэмыхьэ, – кӏэлъыӏущэщащ нанэ.
Майе адэм и лъэ макъым щӏодэӏу. Ар пэш цӏыкӏум щӏокӏри ещанэ къатым и пырхъуэ кӏыхьым ирокӏуэ, дэкӏуеипӏэхэмкӏэ йох, пщӏантӏэм къыдохутэри уэрамым тохьэ, макӏуэ-сыкӏуэ, макӏуэ-сыкӏуэ, хобэкъукӏ, и напщӏэри уфащ…
Нанэ жэз тасыр къигъэуври андез ищтащ, пщэдджыжь нэмэзыр ищӏри нэмэз щыгъэр иӏыгъыу пӏэм итӏысхьэжащ. Майе и напӏэр зэрыкӏэзызымкӏэ къыгурыӏуат ар зэрымыжейр, ауэ езыр-езыру къэплъэху и гугъу ищӏынукъым. Майе мэжеижри куэдрэ къытезыгъэзэж и пщӏыхьэпӏэр елъагъу. Кӏыфӏыгъэ гуэрым хэтщи, хуаби щӏыӏи зыхищӏэркъым. Вагъуэхэм яку езыр итщ. Зиплъыхьурэ Щӏыр къецӏыхуж. Гъунэгъу зыхуещӏ, къащхъуэри щхъуантӏэри зэхецӏыхукӏ. Щӏы щхьэфэм теувэну и лъакъуэ ижьыр ешийри – и лъэтхьэмпэм нэхърэ зытеувэну Щӏыр нэхъ цӏыкӏущ. Тенджызым хэувэну хуейкъым… Дэнэ иджы здэкӏуэнур? Къыздикӏам игъэзэжыну? Ар дэнэ?
Майе и псэм гугъуехь гуэр зэрытелъыр нанэ елъагъури, телъэщӏыхьурэ къегъэуш. Нанэ и ӏэплӏэр сыту хуабэ, и ӏэ пхъашэхэр сыту щабэ.
– Нанэ…
– Сыт ущӏэгъыр? Уи адэр къэкӏуэжынущ мыгувэу, умыгъ…
Майе и адэм кӏэлъыгъыну игуи къэкӏыркъым. Абы и хьэлкъым зыгуэрым кӏэлъыгупсысэу, кӏэлъызэшу. И нэпсыр къыщӏэзыхуар ищӏэнур ищӏэртэкъыми аращ. А зы закъуэращ зыгъэдзыхэр – хэкӏыпӏэ щимылъагъукӏэ, и щхьэр, и пкъыр здихьын щимыгъуэткӏэ, зыгъэпщкӏупӏэ щыхуэныкъуэкӏэ.